- щIэ
- I 1. новый/ ЯщIа, къэунэхуа, къежьа къудей е зэращIрэ, къызэрыунэхурэ, къызэрежьэрэ куэд мыщIа; къамыгъэсэбэпа е къызэрагъэсэбэпрэ куэд мыщIа.* ЩIэм декIур лIыфIщ. (погов. ) ЩIэм щыцтхъуи жьыр къащтэ. (погов. )2. молодой/ НыбжькIэ щIалэ ныбжьыщIэ, балигъыпIэм имыува.* ЩIэ зищIыжыну, псэлъыхъум напэ зэлъахэр еIуэт. Щ. А.3. свежий/ ЗэмыкIуэкIа.- Мы щIакхъуэр щIэ, хьэмэ дыгъуасэрей?II дно чего-л./ Кумбыгъэ гуэрым и лъащIэ, а лъащIэр къыщIиIыгъэу хуэщIа, иIэ.Пэгуным и щIэр щIэхуащ.ЩIэ щIэмытын несть числа кому-чему-л.* ЗауэлIхэм гъуэгуу якIуам щIэ щIэткъым. Къэб. п. и ант.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.